№46/2 Дерсыр: 125-131 пычыгъуэхэм я шэрхь. [125]-“Алыхьым и ЛIыкIуэм ﷺ иужькIэ Iэтащхьагъэр япэу зыхуэдгъэфащэр Абу Бэкр Iэщ-Щиддикъщ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр. АбыкIэ ар хэдгъэлъэпIыкIыу, Iуммэт псоми япэ идгъэувэу“. [126]-“Абы къыкIэлъыкIуэу Iэл-ХъэтIтIаб икъуэ Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр“. [127]-“Абы къыкIэлъыкIуэу, Гьусман, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр“. [128]-“Абы къыкIэлъыкIуэу Абу ТIалиб икъуэ Гьэлий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр“. [129]-“Ахэращ Iэтащхьэ захуэхэр икIи пашэ узэщIахэр“. [130]-“ЦIыхуипщIу Алыхьым и ЛIыкIуэм ﷺ зи цIэ къыхигъэщахэм, ЖэннэткIи игъэгуфIахэм ятеухуауэ дэри щыхьэт датохъуэ ахэр Жэннэт Iыхьлы зэрыхъунумкIэ, Алыхьым и ЛIыкIуэр ﷺ щыхьэт зэрытехъуам ипкъ иткIэ. ИкIи абы и псалъэр хьэкъщ. Ахэр мыхэращ: Абу Бэкр, Гьумэр, Гьусман, Гьэлий, ТIэлъхьэ, Зубейр, Сэгьд, Сэгьид, Гьэбдур-Рэхьман ибн Гьэуф, Абу Гьубейдэ ибн Iэл-Джэррахь, ар мы Iуммэтым и дзыхьщIэгъущ (Iэминщ). Псоми Алыхьыр арэзы къахухъу!“.
Hide player controls
Hide resume playing