Myvideo

Guest

Login

КъардэнгъущI Зырамыку / Уэр Сэрмахуэ, Азэпщ Икъуэ

Uploaded By: Myvideo
15 views
0
0 votes
0

Listen in app  The Chant of Ghwdebeird, Son of Azepsch: “A Circassian Man Is No Betrayer“ . Amjad Jaimoukha 896 7:32 Jan 15, 2014 12 2 Ай-ра, Къэнжал и шащхьэркъэ, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм мэгъуагъуэ. Ай-ра, мыбажэкIэ шырти, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм мэбыбкъэ. Ай-ра, дариихум и быдэри, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм зи джанэ. Ай-ра, Урыху и банэри, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм зи гъуэгу (жи). Ай-ра, Урыху и банэми а, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм лъагъуэр хезгъэшкъэ. Ай-ра, пщыр сымыукIыуэрэ, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм пщыукI къысфIащыр. Ай-ра, пщыр зыукIами, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм си нэр хуэмысэт. Ай-ра, си нэр хуэмысэ щхьэкIэрэ, рэуэией, О-о уей дуней, уей а махуэм си Iэр хуэхейкъэ. Ай-ра, си Iэр хуэхей щхьэкIэрэ, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм си жьэр мыхашэ. [Ай-ра, сымыхэшэн щхьэкIэрэ, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей дуней, хэкур собгынэ. Ай-ра, си шыпхъу цIыкIуитIым, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, гъуэгуанэ кIыхьым я нэр тозашэ. Ай-ра, си шэрхъ цIыкIуитIри, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм зэшхуэ-зэесщ. Ай-ра, сыздынэсар си епсыхыпIэщи, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм хэкур собгынэ.] Ай-ра, Къэбанхэ я къуэри, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм си ныбжьэгъуфIт сэ. Ай-ра, Къэбанхэ пщIантIэми, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм сэ сыныдохьэ. Ай-ра, шы зыщIэмыхьэжурэ, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей пщIэгъуалэ къазыр къызеткъэ. Ай-ра, Къэбан пщIэгъуалэри, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм зэрыпщэзадэ. Ай-ра, пщым и хьэдэгъуэри, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм тхьэм укъысщишэщ. Ай-ра, сымыхэшэн щхьэкIэрэ, рэуэией, О-о уей дуней, уей а махуэм Кърым сокIуэжыр сэ. Ай-ра, Кърым хьэблэжьырти, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм хьэблэжьт, хьэблэшхуэти. Ай-ра, я дыщэ фалъэмкIи, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм сэ #адыгэбзэ сыкъыщофэ. Ай-ра, итыр изофыри, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм и фэр нызохьыри. Ай-ра, и фэр нэзыхьри, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм Къэбанхэ фи пщIэгъуалэжьырти. Ай-ра, дыщэ фалъэшхуэри, рэуэией, О-о уэр сэрмахуэ, уей а махуэм Къэбанхэ сэ нахузохьыри.

Share with your friends

Link:

Embed:

Video Size:

Custom size:

x

Add to Playlist:

Favorites
My Playlist
Watch Later