Тхьэлъэlумкlэ. Тхьэм пэгъунэгъу тхьэлъэlум сещlыр. Тхьэлъэlум гум зыщегъэпсэху. Тхьэлъэlум псэ къысхегъэхьэжыр, Тхьэм сыпыщlауэ сегъэпсэу. Си Зиусхьэн, Уэ дзыхь пхузощlыр. Тхьэлъэlум сыщыбдоуэршэр. Узэхэсхыну сожьэ сфlэфlыу. Уи лъагъуныгъэр сщlэмэ сфlэфlщ. Тхьэ, сыту у ин, Сытыуи успэгъунэгъу. Уи лъагъуныгъэр, Уи гущlэгъур Дахагърэ, фlыгъуэкlэ гъэнщlащ. Уафэбжэр Уэ схузэlупхащи, Сыпсэуфынуэ лъэщ сыбощl. Тхьэлъэlу пхузощl, си фlэщlи мэхъур: Фlыу сыболъагъу, сызыхощlыкl.
Hide player controls
Hide resume playing