ХVIII-ХIХ ЛIэщIыгъуэм екIуэкIа Урыс - Кавказ зауэм, адыгэ лъэпкъым гуауэрэ, хьэзабу къытепсыхам, ишэча гугъуехьым, леишхуэ къылъысам хуэдэ дэтхэнэ зы лъэпкъыми Тхьэм иримыгъэлъагъу. Ди адэжьхэм я псэр щIата ди хэкужьыр дывгъэхъумэ, ди хабзэ дахэм дыщIэвгъэт, ди адыгэбзэр дывгъэшэрыуэ. Ди уафэр къащхъуэрэ, Ди щIылъэр щхъуантIэу, Ди дунейр мамыру, ДызэгурыIуэрэ дызэдэIуэжу, ДыгуфIэрэ Дытхъэжу, Гъэ минкIэрэ Тхьэм дигъэпсэу. Нэтыным елэжьар Дым Аслъэнджэрий.
Hide player controls
Hide resume playing