ФIэхъус апщий адыгэ и бын. 1829 гъэм, бадзэуэгъуэм и 30-м Емэнуэл инэралым Кавказым и тет Паскевичым мыпхуэду хуитхауэ щытат: “Бадзэуэгъуэм и I0-м, жэщым сыхьэтищхэм ирихьэлIэу уафэр къабзэти, ди кIэн къикIащ жытIэри, гъуэгу дытеуващ, арщхьэкIэ къарууэ диIэр зыхурикъуар Iуащхьэмахуэ и зэхуэдитIым аткIэ зы тIэкIукIэ дыкIуэнырщ. Абы иужь къэдгъазэри дыкъехыжащ. Чылар и цIэу къэбэрдей адыгэм ящыщ лIым и закъуэщ сыхьэтыр 11-хэм ирихьэлIэу бгым и щыгу нэсыну зыхузэфIэкIар. Чыларым абдеж баш иIыгъар щихэтIэщ,
Hide player controls
Hide resume playing