Myvideo

Guest

Login

Kuha Doan Си дахэк1ей Къущхьэ Догъан Сэ уэ узэрыслъагъурэ Kuha Doan

Uploaded By: Myvideo
1 view
0
0 votes
0

Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи мафlэм сэ сесыр. Согъыри -- соукlытэ, сымыгъщи -- сызэгуоуд. Мы дунеижьышхуэм жагъуэгъу щызикуэдщ, Си дахэкIей, еу мыгъуэ, сыунэхъужа мыгъуи сэ. Си шыгъуэжь цlыкlури кlэбдзкlэрэ согъатхъуэр, Уи лъагъуныгъэми сэ сигъэтхъуа мыгъуи сэ. Жагъуэгъу зимащlэм сыту и насып! Си дахэкlей, си гущхьэр къытебэга мыгъуи сэ. Мо ди lуащхьэжьыми дыгъэр кlэредзэри, Сигу укъыщридзэкlэ, мафlэр къысщlонэ мыгъуэ сэ. Лъагъуныгъэ мафlэр сыту къарууфlэ, Си дахэкIей, яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи сэ. Мо дыгъэ бзийхэри нэм къыщlоджэгури, Джэгум укъыхэхьамэ мы си гур схуэмыубыдыж. Лъагъуныгъэ щэхур нахуэ къысфlэхъунущ, Си дахэкlей, ей мыгъуэ, схуэмышэчыжыну мыгъуэ сэ. Гъатхэм и дахагъэм цlыхупсэр дехьэхыр, Сэ си псэр дэзхьэхар жагъуэгъум сфlагъэкlуэдай. Сызэгуэмыудыпэу зэ сыныпlуплъэжтэм, Си дахэкlей, дуней кlыфlыр нэху къысщыхъуну мыгъуэт сэ.

Share with your friends

Link:

Embed:

Video Size:

Custom size:

x

Add to Playlist:

Favorites
My Playlist
Watch Later