Myvideo

Guest

Login

Кабардино-балкарская военная песня - ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ

Uploaded By: Myvideo
10 views
0
0 votes
0

=====ТЕКСТ===== Зауэшхуэм щыщIидзам унагъуэ ухъуа гъащIэм Уи унэри нэгъуэщIт уи бынхэри цIыкIу защIэт. ЩIэщыгъуэу фыщыпсэут зэгъусэу къарэлIыщIэм Къыдиту гукъыдэж фыуухуэ псэукIэщIэ Псэ япэ изыгъэщхэм уащыщти уэри напIэт Лэжьыгъэм упэрыкIри фочыкъур быубыдащ Нахъыжьхэм зэрэхабзу зэкъуэшхэм уити япэ Уи хэкур пхъумэжыну лIы хахуэу уи псэр птащ. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ! Нэщхъей дищIми дрогушхуэ ПщIэ зытахэм уэ уасэшхуэ Зэращыщыр ди адэшхуэ! Зэращыщыр ди адэшхуэ! КъащIэну уи кIуэдыкIэр щIэхъуэпсу къабзэуами Уыкъэзылъхуахэм я щхьэр зы махуи мылъахъша Уымыпсэужу тхылъ уэ щхьэкIэ къыхуэхьами Щхьэгъуси, ади, ани, я гугъэр хамыха Зауэшхуэр зэриухрэ блэкIами замэнышхуэ Къытхэмытыжми ар зи ныгу щIэкIауэ куэд Дэ уэркIэ ди щхьэр лъагэщ сыт щыгъуи ди адэшхуэ Дэпщэщи фи пщIэр фэ мы щIым щремыкIуэд ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ! Нэщхъей дищIми дрогушхуэ ПщIэ зытахэм уэ уасэшхуэ Зэращыщыр ди адэшхуэ! Зэращыщыр ди адэшхуэ! ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ! Нэщхъей дищIми дрогушхуэ ПщIэ зытахэм уэ уасэшхуэ Зэращыщыр ди адэшхуэ! Зэращыщыр ди адэшхуэ! Зэращыщыр ди адэшхуэ!

Share with your friends

Link:

Embed:

Video Size:

Custom size:

x

Add to Playlist:

Favorites
My Playlist
Watch Later